Ди адыгэ лъэпкъ - умык1уэдыж! Сыту ди бзэр дахэ, сыту ди мэкъамэхэр жьгъыру, сыту ди хабзэхэр нэгъэса, сыту ди тхыдэр телъыджэ, сыту ди щ1ыгур бей... Зыфхузогъазэ пщащэхэмрэ щ1алэхэмрэ: фегупщыс ди къэк1уэнум, зывмыгъэк1уэдыж! Ди къэк1уэнур вгъэбагъуэ, вгъэдахэ, вгъэбей - зэвгъэгъуэт щ1эныгъэ, зефхьэ ди хабзэхэр, фыпсалъэ ди бзэмк1э, ди тхыдэр кууэ зэвгъэц1ыху, абы щапхъэ къызытефхыпхъэм къытефх, щыуагъэу хэлъхэри зэвгъэц1ыху - абы дерс къыхэфх!!! Ди Хэкур зэрытхъумэнум дыпылъын хуейщ, ди къэк1энур щ1эблэращ зи 1эмыщ1э илъыр!!! Щ1эблэм ар фщ1эмэ - ди лъэпкъыр псэунущ!!! Ди нэхъыжьхэм зыфхузогъазэ - ди къэк1уэнур щ1эблэращ, а щ1эблэм щапхъэ къызытрахыр фэращ! Ди лъэпкъыр зы зэрыхъунум фыпылъ,