Щыlащ зэгуэрым зы lуэхугъуэ, Адыгэ хабзэр щышэрыуэу, Адыгэ унэм хьэгъуэлlыгъуэ Щащlыфт, къэмынэу зы лъэпкъыгъуэ. Иджы къебгъажьэр хабзэщ, жари,- Кафе, стэловэ, ресторан, Сергей, Тимошэ, Чэзибан Зэхуосри, псори мэхъу ауан. Зышар, къэзышэр къыпхуэмыщlэ, Зэблагъэ хъуахэр зэрымыщlэ, Зэгуэр щыlауэ унэишэр lэнитl зэхуакум щlызэблаш, Бзэмыlу уэрэдхэр къыщыраш, Утыкум тепщэ щохъур "горькэр", Нысащlэр, щауэр, цырибонкэр, Къуэшаняр, тёлкэр, кореш, босс, Доллархэр уэсу дэнкlи къос. Зэман дэкlынщи - "недэразумен"! Ди Кlуцэ зыдэкlуар "мы-супермен", Уи мылъкур тlууэ догуэшыж, E "компенсацу" ахъшэ къыдэтыж! Адыгэ хабзэр здачэу удотыж!- Жаlэнщи, хабзэр ящl икlагъэ, Нэсыпыншагъэр тхуащlыр благъэ...