Уи анэр гупсэу, уи адэр псэумэ,
Я ней къыпщыхуэ гукъеуэ псоми:
ЩымыIэ щхьэлъэ уэ узыщIын,
Я нэхъ уз хьэлъэу пхуэмыгуэщIын.
Анэ уиIэхукIэ – уэ усабийщ.
Анэм и Iэхухэр бгыжьэ шабийщ, –
Гуауэм нэхъ гуащIэр ягъэкIуэщIыф,
ГъащIэм нэхъ дыджыр IэфI къыпщащIыф.
Адэри унэм и пкъо щIэсэнщ,
Пхъур зи гъэфIэну, къуэр зи гъэсэнщ,
Бын зыщхьэщытым и щхьэузыхьщ,
Зыщхьэщымытым и гъащIэ пщIыхьщ...
Бемырзэ Мухьэдин