ТIыхъужь
Алий и цIэкIэ ди республикэпсо зэпеуэм фыкъыхыхьэ!
Къэбэрдей-Балъкъэр
радиор илъэс 90 зэрырикъум, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, адыгэ лъэпкъым и цIыху щэджащIэ ТIыхъужь Алий
къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэрырикъум теухуауэ КъБ-м щэнхабзэмкIэ щIалэгъуалэ правительствэм
и министерствэмрэ радиомрэ къыхалъхьауэ адыгэ гушыIэ, гушыIэ хъыбар
къеджэнымкIэ, ТIыхъужь Алий зыпыщIыжынымкIэ, Алий теухуа хъыбар къэIуэтэжынымкIэ зэпеуэ ирегъэкIуэкI. Фи гушыIэхэр
фIыгъыу фыкъеблагъэ хъунущ радиом и унэм Налшык къ., Нэгумэм и уэрам, 38
унэм. Федгъэтхынущ, ди лэжьакIуэхэм
ягъэщIэрэщIэжынурэ «ВКонтакте» сайтым дыщиIэ напэкIуэцIым - «Радио России КБР
101.8 FM»
- къитлъхьэнущ. Абдеж Iэ Iэт зэпеуэр ще